Хэкумрэ бзэмрэ Бэлагъэ Любэ и нэхъыщхьэу зытетхыхьыращ


Хэкумрэ бзэмрэ – ар Бэлагъэ Любэ и тхыгъэхэм нэхъыщхьэу зытетхыхьыращ, и Хэкум куэд щIалэ пэжыжьэу щыпсэуми. 

«СэркIэ бзэр – сызэрыадыгэм и нэгъыщIэ нэхъыщхьэщ»,- жеIэ Любэ. – «Сэ зэи адыгэбзэкIэ сытхэн щызгъэтакъым. Бзэрауэ къысфIощI сэ си адыгэ къару схэлъым и къыщIэдзапIэ хъужри. ИкIи адыгэбзэкIэ сыт щыгъуи сызэрытхар, Хэкур сигу къызэрыкI къудейм щхьэкIэкъым, ауэ дауикI ари хэлъщ. Сэ сыт щыгъуи сыадыгэ усакIуэу зызбжыжт, икIи лъэныкъуэ гуэркIэ лъэпкъым сримакъмэ, ар сщIэн хуейуэ сфIощI». Любэ и лэжьыгъэм теухуауэ Хуитыныгъэ радиом Щтым Фатимэ зыхуигъэзащ: 

- Бэлагъэ Любэ и усэхэр куэд щIакъым сэ къызэрысцIыхурэ. Абы и усэ тхылъ си ныбжьэгъум къызита нэужьщ. Усэхэр занщIэу сигу дыхьащ. ИужькIэ ар Великобритания зэрыдэсыр къэсщIащ. Сэ си гуапэ мэхъу Любэ апхуэдэу жыжьэ псоми, и лъэпкъ зэрызыщимыгъэгъупщэр. Адыгэхэр дэнэ щIыпIэ щыIэхэр я бзэм, хабзэм телажьэмэ, лъэпкъым кIуэдыжынукъым. 

Илъэсибл къудей хъууэ арат, Любэ и усэ газетым къыщытехуам. Ар Къэрмыхьэблэ къыщалъхуащ, ар усэ куэд зыхуигъэфэща и къуажэ цIыкIущ. 


Любэ, усакIуэ щыхъуар и Хэкущ, Мэзку МГУ еджапIэм щеджэм. Илъэс куэдкIэ Любэ Гуащэней, урысеипщым и щхьэгъусэ хъуа Мария Темрюковна, и плъыфэмкIэ псэуащ. Любэ и дежкIэ Мария – ар мыхьэнэ щхьэхуэ зиIэ цIыхущ. Абы и лъэIухэмкIэ иджыри къыздэсым, зэхуэмыдэныгъэхэм емылъытауэ, лъэпкъитIыр зэгурыIуэу къыфIощI: адыгэхэмрэ урысхэмрэ. Абы щхьэкIэ щIэта лъагъуныгъэм псори зэтриIыгъэу къыщохъу. Лъагъуныгъэм и уасэр фIыуэ ещIэ Любэ – аращ ар япэ щIыкIэ Иорданием, иужькIэ унагъуэр игъусэу Лондон зышари. «Царица» спектаклыр Гуащэней теухуар Бэлагъэ Любэ усэу итха роман-драмэм къытращIыкIыжауэ аращ. Романыр затепсэлъхьыр Мария, адыгэ пщым ипхъу Гуащэней и гъащIэрщ. Абы цIыху куэдым ямыщIа Гуащэнейрэ урысеипщ зратамрэ я зэхущытыкIэхэм топсэлъыхьыж, лъагъуныгъэ куу я 

зэхуаку дэлъамкIэ къызэIуха хъу тхыдэщ. Любэ зэман гуэркIэ а Iуэхугъэхэм епха архивыр иджащ икIи лъэныкъуэщIэкIэ тхыдэр цIыхум къыхузэIуихыжащ. Абы и тхыдэм Марие пкъы зыхэлъ адыгэ хабзэкIэ гъэнщIа цIыхубзу къыхощыж, зыми емылъытауэ Урысеипщым и щхьэхъусэу щыт, Урысеимрэ Къэбэрдеимрэ лIэщIыгъуэ 450 щIигъукIэ зэрызыгъэубыда Ауэ «Виндзор и уэшх щхъуафэхэр» тхылъым адыгэбзэкIэ итхри къыдигъэкIащ.

Нобэ Любэ тхакIуэ къудейуэ мыхъуу, кинопродюсэрыуи, переводчикуи яцIыху. Ар Урысейм и тхакIуэ зэгухьэныгъэм хэтщ, Дунейпсо усакIуэ, журналист зэIухьэныгъэхэм хэтщ, литературнэ зэхьэзехуэ куэдым и лауреатщ. 

Хэкум и Iыхьэ Любэ здэщыIэм здишащ, абы и фIыгъэкIэщ Темзэ Iуфэ адыгэбзэ къыщIэIури. 

Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ Радио. Дыгъэ Дахэжан