ЕгъэджакIуэ: ЩIэблэм анэдэлъхубзэр зэраIурымылъым и зэран екIыжыр езы анэ-адэхэрщ


Табыщ Динарэ

ЩIэблэм я гъэсэныгъэм ехьэлIауэ, дэтхэнэ зы лъэпкъми езым и хабзэхэр иIэжщ. Анэдэлъхубзэм, тхыдэм, щэнхабзэм ехьэлIа лъэпо-щхьэпохэр  щIэблэм нэсу зэрахэмылъым игъэгулэзхэри мащIэкъым. Нобэрей махуэм анэдэлъхубзэм и щытыкIэр сыт хуэдэми къыжиIэну Хуитынгъэ Радиом зыхуегъазэр, 14 Гимназием адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ, егъэджэныгъэ щIэныгъэ къудамэм и лэжьакIуэ Табыщ Динарэ. 

Хуитыныгъэ Радио: ЕджакIуэ цIыкIухэм анэдэлъухубзэр щхьэ нэхъ яжагъуэу щыт, адрей дерсхэм нэхъ, ар къызыхэкIыр сыт?

Табыщ Динарэ: Сабийм ебгъащIэр ищIэнущ, сабийм жепIэр къищтэнущ. Ауэ мыбдеж зэран мэхъу анэ-адэхэр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэбзэм зыри къыпэкIуэкъыми йогупщысхэр, ди сабийр къэхъумэ мыбы хуеину пIэрэ жаIэу. Анэ-адхэр иужькIэ лъэпкъым ищхьэ кърикIуэнум егупщысхэкъым. Мис абы къыхэкIкIэ адыгэбзэр иужь къранэ адрей дерсхэм. ИтIанэ зэран хъухэм ящыщщ адыгэбзэр экзаменым зэрыхагъэкIыжар. Псори дызэрыщыгъуазэщи экзаменым хэмытмэ сабийр елIэлIэнукъым. Япэ, еплIанэ классым щIэс сабийхэм адыгэбзэр фIыдыду ящIэр, ауэ 8м щыщIэдзауэ IIэ хъуху елIалIэжкъым. Сабийр иджыпсту зэгупщысыр гъащIэм зэрыхэпсэукIын сом къызыпыкIын Iэмалырщ. Къэралым игъэувын хуейщ сом къыпэкIуэну. Псалъэм папщIэ сэ куэду згъэхьэзырыну сфIэфIщ зэпеуэхэри, абдеж сабийр япэ дыдэу зыщIэупщIэр, дыхэтмэ тыгъэ къыдатыну, сыт абы кърикIуэнур жаIэ. Республикэ, къалэ зэпеуэхэм хэтрэ, сабийм жыджэру зыкъигъэлъагъуэмэ газетхэм къытыдодзэ, радиохэм къыдот аращи сабийр нэхъ тогушхуэр. 

Хуитыныгъэ Радио: Анэдэлъхубзэр сабийм Iурылъыу къэхъун папщIэ унагъуэ зыхэсым елъыта, уэ дауэ уеплърэ? 

Табыщ Динарэ: Анэ-адэр зэрепсалъэ бзэращ сабийм къищтэр. Унагъуэм щызэхихмэ ар зейкI IэщIэхунукъым. Нобэрей махуэмкIэ, анэ- адэхэр сабийм адыгэбзэкIэ зэрепсалъэр нэхъ мащIэ хъуащ. 

Хуитыныгъэ Радио: Гуэшауэ гуп гупыу щытщ,  лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр зыщеджэ, анэдэлъубзэ къабзэкIэ зыщеджэ жиIэу, зэрызыхэтххэмкIэ анэ-адэм я быныр лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр зыщеджэм ягъэкIуэн нэхъ яфIэфIщ, ар къызыхэкIыр сыт?

Табыщ Динарэ: Адыгэбзэр гугъущ жаIэурэ ягъэIу. Ауэ ар апхуэду щыткъым, зыкIи нэхъ гугъукъым. Мис а зэрагъэIуар сабийм ищхьэм ирелъхьэри гугъущи деджэфынукъым жаIэу мэхъу. Анэ-адэм, цIыхухэм апхуэду щыжаIэкIэ сабийми ар гугъу дыдэу къыщохъу. 

Хуитыныгъэ Радио: Адыгэбзэр дохуэхри, ди бзэр кIуэдыжынкIэ шынагъуэ щыIэу зыхыдох, абы теухуауэ сыт къыжыпIэн?

Табыщ Динарэ: Ди бзэр кIудыжынкIэ шынагъуэ щыIэу къэслъытэкъым сэ, иджыпсту дибзэм нэхъ зиужьыжу къысщыхъуу щытщ. Сэ сызыхэт сабийхэм куэд дыдэ адыгэ Iуэхухэр щызэхашэ гупжьейхэм екIуалIэхэу щытщ. Къфэхэм хабзэхэм дихьэххэр нэхъыбэ мэхъуж. ИтIанэ хьэгъуэлIагъуэ сытхэр ирагъэкIуэкIынум яфIэщу къалъыхъуэ, адыгэбзэ зыщIэ, хъуэхъу дахэ зыщIэхэр.


Динарэ зэрыжиIэмкIэ, нобэрей  махуэм анэдэлъхубзэр щIэблэм нэхъ къащтэж хъуащ, ауэ иджыри зэрыщытын хуей хупхъэм нэсыным куэд иIэщ. 

Дыжьын Иннэ. Хуитыныгъэ Радио. Къэбэрдей Балъкъэр