Къэбэрдей Бэлъкъэрым къуажэ еджапIэхэм деж Адыгэбзэр яхуэныкъуэ


Хэхэс Адыгэхэм дыхошыпсыхьыж жаIэу гузэвэгъуэ къащхьэщытым къинэмыщIауэ Адыгэм и хэкужьдыдэми апхуэдэ шынагъуэ щыIэу Iэджэрэ къат Адыгэ зэгухьэхьэныгъэхэм, цIыхубэ зэщIэхъеиныгъэхэм. 

Адыгэ хэкужьым деж бзэмрэ гъэсэныгъэмрэ и Iуэхур иджыпсту зэрыщыт, здынэсар къэтщIэну Хуитыныгъэ радиом къедгъэпсэлъащ, Къэбэрдей Бэлъкъэрым и къуажэ нэхъ инхэм щыщ Къармэхьэблэ ещанэ курыт еджапIэм и унафэщI Аслъэн Майя. 

Хуитыныгъэ радио: “Майя зэрытщIэщи бзэр зыщIэхэр иримыпсалъэу щытым ар мэлIэж, фи хэгъуэгум Адыгэбзэр унагъуэм деж, уэрамым ирикъун хуэдиз ирипсалъэхэрэ? Унагъуэм деж бзэм и мыхьэнэр тэрэзу къагурыIуэрэ?” 

Аслъэн Майя: “Лъэпкъыр щыIэу щыжыпIэ хъунур и бзэм ирипсалъэу, и хабзэр имыгъэкIуэду щытымэщ. Нобэрей махуэм къапщтэмэ, ди гъащIэм ди бзэм и лэжьыгъэр екIуэкIыу щытщ, ди бзэм ди цIыхухэр иропсалъэ унэ кIуэцIым иррехъу, уэрамым иррехъу, нэгъуэщI зыхуэсыпIэ иррехъу. БзэмкIэ гупщысэу, бзэмкIэ я гум илъыр ягъэлъагъуэфыу апхуэдэу щытщ. Ди бзэр кIуэдыжыну апхуэдэ шынагъуэ Алыхьым жиIэм диIэкъым. Ди бзэр нэхъ тэмэмыу зэрзэдгъэщIэнум, нэхъыбэ къызэрытпщытэжын, ар ди щIэблэм зэредгъэщIэным дэри иужь дитщ.” 

Хуитыныгъэ радио: “Дэтхэнэ зыбзэри дыхуэныкъуэу щытым къоунэху, дыхуэынкъуэу щыытм ар псэунущ. Фи еджакIуэхэм махуэкъэс гъащIэм деж я анэдэлъхубзэр яхуэныкъуэу къагъэсэбэпырэ, е Урысыбзэр къытекIуэу ар дэкъузауэ ущыт?” 

Аслъэн Майя:”Пэждыдэщ, а упщIэр си гуапэщ, бзэр згъэпсэур цIыхуращ, абы хуэмыныкъуэмэ, цIыхум ар къимыгъэсэбэпымэ бзэр къэунэхунур щызогъэтыри бзэр кIуэдыжынущ щымыIэжу лIа бзэхэм хуэдэу, Убыхыбзэм ещхьыу. Нобэрей махуэм узэрыщыгуфIыкIыну Iуэхугъуэу щытщ ди бзэм ди цIыхур зэрыхуэныкъуэр, абы ди бзэр зэригъэпсэур, зэригъэнэхур. АткIэ Урысыбзэм тепщэ абдеж щиубыдыркъым, бзэм дыхуэныкъуэщ, Къэрал дызэрысыр аращ, Урысыбзэри тщIэн хуейуэ щытщи зыдогъащIэ, ди бзэр зэикI тщыгъупщэкъым.“ 

Хуитыныгъэ радио: “Майя, мы хэкум деж щэнхабзэ зэмыщхьхэр здэпсэууэ апхуэдэщ. ЕджакIуэхэр еджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ деж ахэм я щэнхабзэ зэмыщхьхэм ипкъ иткIэ щызэгурымыIуэ къэхъурэ?” 

Аслъэн Майя:”Къэралыр зезыхьэ унафэщIым елъытащ а упщIэм и жэуапыри. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд зэрисыр и гум иримыгъэхуу щытымэ, а лъэпкъхэр зэгурыIуэу къэхъунущ. Дэ ди къуажэм пэгъунэгъуу мэпсэур Бэлъкъэр къуажэхэр, Хьэбэз, Чыщбалъкъ. НэгъуэщI лъэпкъхэри исхэщ. Лъэпкъхэм зыр зым пщIэ нэмыс зэрыхуэтщIыным иужь дитщ. ЛъэпкъкIэ зэхэдзауэ зэикI дыщытауэ сщIэркъымэ. Ди еджапIэ дыздэлажьэм Урысыбзэрэ Анэдэлъубзэмрэ додж. ИтIанэ нэмыцэбзэ додж, апхуэдэ къэпсыу Бэлъкъэрыбзэр додж. Дызэныбжьэгъуу, дызэкIэлъыкIуэу, зым и бзэр зым тщIэуэ, дызэрлъагъуу дыщытщ. Лъэпкъ зыхэгъэжыныгъэ диIэу абы щхьа псалъэ макъ диIэну апхуэдэ утыку Iуэху зэикI диIакъым.“ 

Хуитыныгъэ радио: “Майя, Социальные медиа жыхуэтIэр бзэр егъэщIэнымкIэ сэбэп хъурэ, е, зэран хъурэ?” 

Аслъэн Майя: “Бзэр зэбгъэщIэным щхьэкIэ сэбэп мыхъуу ар пхужыIэнукъым, сыт щхьа жыпIэмэ сабийм жепIэр нэрылъагъу щыпщIыжыу щытымэ дахэ мэхъу. Тэблицэ жыдоIэ, тхылъ жыдоIэ, тетрад жыдоIэ Iэджэ Iэмапсымэ диIэщ ауэ а IэмэпсымэщIэ социал медиа жыхуэпIэм къиша Iуэхугъуэхэри нэхъ дахэжу къытхэхьауэ аращ, ари ину дыIэпыкъуэгъу къытхуохъури сабийм и пащхьэ илъ дерсыр нэхъ гурыIуэгъуэу нэхъ зэхэщIыкIыгъуэу нэхъ тэрэзу и пащхьэм идолъхьэф Бэязыт. 

СыткIэ и зэран къишэу къыпщыхъурэ жыпIэмэ, къытхуохъу ар ди гъэсэныгъэм теухуауэ. Дэ ди гъэсэныгъэм, ди Адыгэ хабзэм къищтэр щэныфIэу гъэса хъыджэбз, щыпкъэу щыт щIалэхэращ. Интернетым зэрытщIэщи, дызыхуэмей, мыхьэнэншэ, мыфэмыц куэд щыболъагъур. Ар сабийм зэхидзыфу егъэсэн хуейщ. Мобы ухуейкъым, мыбы ухуейщ жэуэ. Сабийм ар къыгурыбгъэIуа нэужькIэ ар зэран къыхуэхъужыну къысщыхъукъым ауэ, нобэрей махуэм ди гъэсэныгъэм теухуауэ тIэкIу сабийм жьыуэ балигъыпIэ иригъувэу, хьэпшып мыдахэхэр къыригъэцIыхуу, зыхумей хьэпшыпхэмкIэ хуитыныгъэ къыретыри мис а дакъикъэмкIэ сфIэфIкъым.” 

Хуитыныгъэ радио: “Майя мы еджапIэм уэ уриунафэщIщ, мыбдеж дунейпсо стандартхэм хуэдэу зы гъэсэныгъэ ефтыфырэ? Гъэсэныгъэм деж сыт хуэдэ проблеммэ фиIэхэр?” 

Аслъэн Майя: “Иджыпсту ди Къэралым къищтащ ,‘Новей Федеральный стандарт’ жери. Ар тIэкIу тIэкIуурэ илъэс зы тIущ хъуауэ, абы дыхуокIуэ, мыгъэм ди сабий хадэм (сад) кIуэхэри къыхэхьащ, нэхъабэ школым и пэщIэдзэ классхэр, икум итхэр, нэхъыжьхэр дыщытати, иджы еджэныгъэ псом хъуащ. Сабий хадэм кIуэм деж къыщыщIедзэри ар мис а стандарт жыхуэпIэм тедгъэуващ мыгъэм, абы дытехьащи, и пэщIэдзэ IэнатIэу щытщ ар.” 


Сабий I50 зыщIэс сабий садыри зыхэт Къармэхьэблэ ещанэ курыт еджапIэм еджакIуэ I77 иIэщ. Псори зэхэту еджакIуэ 267 мэхъур. ЕгъэджакIуэу 22, гъэсакIуэу I6 иIэщ. ЕджапIэм хэтщ бэнакIуэхэр здагъасэ пэш, Театр, футбол, теннис, шахматы, пхъэм зделэжь пэшхэр, дерсхэр. 

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Къэбэрдей Бэлъкъэр Налшык