Пентагон: Штат Зэгуэтхэм ядэнукъым совет пIалъэм къигъэзэжу


Штат Зэгуэтхэм зыхъумэжыныгъэмкIэ министр Картер Эштон

«КъухьэпIэр хуейкъым «зэхущытыкIэ щIыIэ» зэманым къигъэзэжуи, Урысейм ебыину, ауэ и хьэлэмэтхэр ихъумэжынущ. Урысейм Украинэм щигъахъэ бзэджагъэм папщIэ Мэзкуум тралъхьа экономикэ санкцэхэм купщIафIэ яIэщ».

Ар блыщхьэм жиIащ Штат Зэгуэтхэм зыхъумэжыныгъэмкIэ министр Картер Эштон. Министрыр къыщыпсэлъащ Берлин.

Абы зэрыжиIамкIэ  Урысейр хущIокъу совет зэманым тепщэныгъэ здиIа щIыпIэхэр и нэIэ щIигъэувэжыну.  «Ауэ Штат Зэгуэтхэмрэ абы и дэщтэгъухэмрэ ар Кремлым хуадэнукъым» жиIащ министрым.

Мэкъуауэгъуэм и 22-26 махуэхэм Картер еблэгъэнущ Германиеми, Эстониеми, Бельгиеми.  Ар тепсэлъыхьынущ Урысейм къыбгъэдэкI шынагъуэм.

Пентагон пашэм нэхъ ипэкIэ жиIащ КъухьэпIэмрэУрысеймрэ яку дэлъ зэхущытыкIэ шэщIар иджыри куэдрэ зэфIэтыну Штат Зэгуэтхэми Ищхъэрэ Атлантикэ Альянсми хуагъэфащэу.

Хуитыныгъэ Радио