«Къэрэшей-Шэрджэсым ис адыгэ щIалэгъуалэр тхэным дихьэхкъым»

ТхакIуэ, усакIуэ, журналист АбытIэ Владимир. Черкесск къалэ.

Гъатхэпэм и 3-р  тхакIуэхэм я Дунейпсо махуэщIу 1986 гъэм къыщыщIэдзауэ ягъэлъапIэр. А унафэр къыщахьат Лъэпкъыбэ ПЕН-клубым и 48 конгрессыр щекIуэкIам. Къэрэшей-Шэрджэсым а махуэщIыр зыгъэлъэпIэн адыгэ тхакIуэхэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ мэхъу. Абы и щхьэусыгъуэхэмкIэ Хуитыныгъэ Радиом   къыдэгуэшащ  Урысей тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и Къэрэшей-Шэрджэс къудамэм  адыгэбзэкIэ лэжьыгъэр езыгъэкIуэкI тхакIуэ АбытIэ Владимир. 

АбытIэ Владимир Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ тхакIуэщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхь зиIэ журналистщ.    Абы итхащ романхэу «ЩIакIуэр зи унэ», «Ирамышыжа нысащIэ», «Уэсэпс шыугъэ», иужьым усэбзэкIэ тхауэ къыдигъэкIащ «Тенджызищым я тхьэ гуащэ» романри. ТхакIуэм дунейм къытригъэхьащ повестьхэри. Журналисту здыщылэжьа «Черкес хэку» газетым къыIукIыжу пенсым тIысыжа нэужь, абы къыдегъэкI литературэ журнал «Лъахэ» и фIэщыгъэцIэу.  

Хуитыныгъэ Радио: Владимир, иужьрей зэманым уэращ Къэрэшей-Шэрджэс хэгъэгум ис адыгэ тхакIуэхэм ядэлажьэри, иджыпсту къыдэдэIухэм удэгуэшэну сыхуейт уи гупщысэхэмкIэ.  Сыт нобэкIэ уи лъэпкъэгъу тхакIуэхэм я Iуэху зытетыр?

АбытIэ Владимир:  ИпэкIэ хуэдэу къэрал Iуэху ящIу тхакIуэм пщIэ иIэжу сэ къэслъытэкъым. Ахэр бадэущ организацым хуахужауэ, щхьэж зэрыхузэфIэкIкIэ лажьэну нэхъкIэ къэралым ахъшэкIэ къыдэIэпыкъуу щытыжкъым.   Япэрейуэ цIыхум гукъыдэж гуэрэ иIэу зыгуэрэ итхыфми иджы зэрыхъумкIэ къыдэбгъэкIыныр нэхъ хьэлъэщ.  АрщхьэкIэ, дытхакIуэщ, дэ литературэм зыгуэрэ хэтлъхьэну жызыIэхэм ятх икIи абы щхьэкIэ къагъанэркъым.  Мес Шэрджэс Али тхылъ дахэшхуэ къыдигъэкIащ «Адэжь хъыбархэр» жоуэ. Иджыри абы нэхърэ мынэхъыбэмэ иIэщ абы.  Хуабжьу купщIафIэу мэлажьэ БакIуу Марие. Гум къинэжыну иIэхэщ « Мама Лелэ» романыр, «Сабий гъы макъ»  жоуэ иужьырей зэмаными къыдигъэкIащ.  АдреймкIэ екIуэкIу усэхэщ ятхыр.  Усэхэри даурэ жыпIэмэ мыдэ зы ткIуэпс уафэм къехам хуэдэу ткIуэпс зыбжанэр зэрызэщхьым хуэдэу зэщхьхэщ. Усэр нэхъ гугъужщ, псоми зэрахъэфыну рифмэр.  Ауэ поэзиям тэрэзу убгъэдыхьэн хуейщ. Апхуэдэм иджыри нэсахэу егупщысхэу слъагъукъым. Ятх зэрахузэфIэкIкIэ щыбгъэтыж нэхърэ нэхъыфIщ арикI.

Хитыныгъэ Радио: Владимир, сыт хэкIыпIэу мы Iуэхум иIэу плъагъурэ?

АбытIэ Владимир:  Дызэдэлажьэу щытатэмэ ипэкIэ диIа пщIэр диIэжу пьесэ зытххэри, тхакIуэхэри, усакIуэхэри, журналистхэри. Псоми хьэкъыпIэкIэ зы Iуэхущ ящIэр. Ауэ къебджэми къыпхуэкIуэнухэкъым. Мыр лъэпкъ гукъеуэу щытщ.  Дызэхыхьэу зы къарууэ дымылажьэмэ сэ сыт хуэдиз сымыщIэми, БакIуу Марие сыт имылэжьми , Шэрджэс Али дапщэ къыдимыгъэкIами узэрыхуей хъунукъым.  Апхуэдэ къабзэу тхыгъэхэр еджапIэ программэм щыхагъыхьэкIэ IэнатIэшхуэ зыIагъхэм яй хагъыхьэ. IэнатIэшхуэ зыIыгъхэр классику къалъытэ, апхуэдизу куэдым къагурыIуэкъыми. АрикI мыхъумыщIагъэу къытхэхуахэм ящыщщ. Дыхуэхьэзыркъым  учебникхэр къыдэгъэкIыным зэрыхуэфащэмкIэ. Ар адыгэбзэкIэ езыгъаджэхэм и нахъыбэм къагуроIуэр. Нальчик кIуэурэ пыIэ щхьэрыхкIэ къалъэIухуурэ къашэу щытати, иджы фэ къыдывогъэкI жаIэри къыратыжкъым. Ди унафIэщIхэм дапщэ щыIэ адыгэбзэкIэ еджэу?  Ар къащтэу еджэу, зыгуэрэхэр зэпкъырахыу, тепсэлъыхьыу щытатэмэ зыкъытхуагъэзэнкIи хъунт. Зэзэмызи согупщыс адрей лъэпкъхэми я Iуэхур арауэ пIэрэ зэрыщытыр жызоIэри. Си гъугъэкъым.  

Хуитыныгъэ Радио: ЗэIущIэ ебгъэкIуэкIхэм щIалэгъуалэ куэд некIуалIэрэ?  

АбытIэ Владимир: Уи жагъуэ зэрыхъунщи, некIуалIэ щыIэкъым абы. Кхъуэхъу Хьанэ, ГъукIэкъул Мухьэмэд сымэ ятх. Ауэ ахэри илъэс 60 ущыхъукIэ щIалэжкъым. Сабий зэчиифIэхэр щыIэхэщ, еджапIэхэм ядэлэжьэн щыIэкъым. Дапщэрэ захуэзымгъэзами, къызэдгъэпэщыну гуп, дадэлэжьэну жаIэри абыкIэ доух. Ахэр къызгурыIуэкъым. Сэ къысхумыщIэми сабийхэм лъэугъуэв уахуэхъун хуей.

Хуитыныгъэ Радио: Тхэным щIыпымылъхэр сабийхэм адыгэбзэр зэрамыщIэрауэ къэплъытэкъэ?

АбытIэ Владимир:  Къалэм дэт еджапIэхэр  къапщтэмэ урысыбзэкIэ адыгэ дерс яту сырихьэлIащ. КъызгурымыIуэхэр куэдщ. ЕгъэджакIуэхэр анэ адэхэм щхьэкIэ тхьэусыхэу сырихьэлIа. Урысыбзэ IуэнтIакIэ, пхэнжкIэ я унагъуэм щопсалъэхэри аращ псори къызыхэкIыр. Ахэри диIэщ. Ауэ къуажэм  зы  еджапIэ щыбгъуэтынукъым адыгэбзэ ямыцIыхуу. Ауэ абыикI я директорми, я егъэджакIуэми сщIэкъым ар зи лажьэр, ауэ хуабжьу щхьэщIэмыхьэхэщ . Сабийхэм пылъын щыIэкъым. Мес Хьэгъудокъуэ Рамазан, литературэ кружоку Хьэгъундыкъуей деж дызэхишэри абдеж къыщежьауэ мы Хьэгъундыкъуей щыщу тхэ къомыр уэ боцIыху. Рамазан редакцэм щашэжым сэ къысхуэнэри е-6-нэ классым сызэрыкIуэу, бгъуэнщIагъым дыщылажьэт. «БгъуэнщIагъ усэхэр» жоуэ сиIэ а зэманым сытхауэ. Рамазан и гур мыузтэмэ къытхилъхьэнутэкъым. МыдэкIэ ди нахъыжь ди япэ итахэр щэ. Уэхъутэ Абдулыхь., Гъуэщокъуэ Хъусин, Хьэнфэн Алим, Ахъмэт Мухьэдин псом хуэмыдэу, Кхъуэхъу Цуцэ. Сыт хуэдэу къыткIэрыщIауэ къытпылъхэт.  

Хуитыныгъэ Радио: АтIэ, зэрыхъумкIэ нобэ я цIэр къипIуэну щIалэгъулэхэм зыри яхэмыту ара?

АбытIэ Владимир: ЩIалэщIэхэм яхэт, ауэ гъэщIэгъуэныр урысыбзэкIэ тхэхэр адыгэ тхакIуэу ялъытэ, сэ схуэлъытэнукъым. Анэдэлъхубзэр тхъумэну аращ дэ нахъыбэу дызыхущIэкъур нэхъ мы хэгъуэгу цIыкIум Пушкин хуэдэ бжыгъэ къидгъэхъухьыну аракъым. Ар  тхузэфIэкIынукъым.

Кушпэ Маринэ, Хуитыныгъэ Радио, Черкесск