Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм теухуа тхыгъэщIэхэр дунейм къытохьэр.


Иджы дыдэ Котляров Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэ Налшык къалэ дэтым къыдигъэкIащ тхылъыщIэ «Адыгэ хэкур си узыфэщ икIий си гугъапIэщ. Ижь- ижьыж зэманым къыщыщIэдзауэ 20 лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэ хъуху.» жыхуиIэр. Мы тхылъыр къыдэзыгъэкIахэм я фIэщ мэхъур ар зырагъэпэщынууэ куэд хущIэкъунууэ. Ауэ мыр псоми яIэрыхьэфынукъымэ. Мы тхылъыр зытхауэ щытыр «Кавказым и ХыфIыцIэ Iуфэм щыпсохэр» «Сочэ и ХыфIыцIэ Iуфэр» зи фIэщыгъэцIэ тхыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа къэхутакIуэ Половинкина Таммарэщ. 

Мы тхылъыщIэм щызэхэгъэувауэ щытщ «Адыгэм ижь ижьыж зэманым иIа тхыдэр», «Ику ит лъэхъэнэхэм I0-I6 лIэщIыгъуэхэм адыгэм политикэрэ этно-культурэ IуэхукIэ зэпыщIэныгъэ иIахэр», «I7-I8 лIэщIыгъуэхэм адыгэм и политикэ тхыдэр» «I9 лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм адыгэхэр здэщыпсоуахэмрэ я бжыгъэу щытамрэ», «Адыгэ лъэпкъ шапсыгъхэр I9 лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм я бжыгъэу щытамрэ здыщыпсэууэ щытахэмрэ, ахэр къызытекIамрэ.» «Урыс-Кавказ зауэмрэ I9 лIэщIыгъуэм адыгэхэр зэрырахуар» «Кавказым ис адыгэхэм зауэ нэужьым я Iуэхур зытетар» жыхуиIэ Iыхьэхэр. Мы тхылъ тедзапIэм псори къызэщIикъуэу щыхоплъэхэр адыгэр къызыхэкIамрэ и тхыдэмрэ. 

Абы къыщынэмыщIа зыхагъэкIыр абы политикэ -экономикэ, е лъэпкъ культурэ зэпыщIэныгъэ нэгъуэщI лъэпкъхэм яхуиIахэмрэ ику ит лъэхъэнэхэм иужь зэманхэм Осман Империем, Къырым Хъаным, Урысейм хуаIа зэхущытыкIэм. Нэхъ хэхауэ мыхьэнэ иратыуэ щытщ I864 гъэм нэкъыгъэм и 2I махуэм иуха Урыс-Кавказ зауэм ипкъ итыуэ адыгэхэм къалъыIэса гугъуехьыр. Мы тхылъым и гъусэу макIуэр архивIым I820-I862 гъэхэм къыриубыдэу къыхахыжа тхыгъэхэри. Мы иужь зэманхэм щIэхщIэхыурэ адыгэм и тхыдэм ехьэлIауэрэ тхыгъэ зыбжанэхэр утыку къохуэхэр. Ар щхьэкIэ ар нэхъыбэу зэгъэщIылIауэ щытыр Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэхэращ. Тхыдэтххэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ адыгэм и тхыдэм щыщ пычыгъуэ щхьэхуэхэр дахэ дахэу джа мыхъуауэ щытщ. Ар нэхъыбэу къызыхэкIыр ахэм теухуауэ тегъэщIапIэ ящIын тхыгъэхэр дахэ дахэу джа зэрымыхъуаращ. 

Псалъэм папщIэ тхыдэтххэр щылажьэн хуейуэ къалъытэр Италие къэралыгъуэхэм щыIэ Генуа, Рим, Венеция, къалэхэм я архивхэм. Абы къыщынэмыщIа Тырку къэралыгъуэм и Истамбыл къалэм и архивым. Мыхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ щыхъумауэ щыIэн хуейхэщ лIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ адыгэм и тхыдэм ехьэлIа тхыгъэ куэд. Ар щхьэкIэ абыхэм елэжьыным папщIэ мылъку зыхуэныкъуэхэр къэралым дахэ дахэу яхухихуэ щыткъымэ. Мы Iуэхум теухуауэ и еплъыкIэр Хуитыныгъэ радиом къыжриIащ Налшык къалэ дэс тхыдэтх Къэбардэ Астемыр:«Генуа архивымрэ Ватикан и архивымрэ куэд щIэлъыу жаIэр. Ауэ узэрыкIуэныращ абы проблемэр. 

Абы къыщынэмыщIа бзэри фIыуэ пщIэн хуещ. Абы а щIэлъхэм я нэхъыбэр латинскэбзэщ. Ермэлым я архивми куэд щIэлъщ. А диным къыхураджэу къэзыкIухьхэу щытахэм зэхуахьэса тхыгъэхэр. I2-I5 лIэщIыгъуэхэр ди тхыдэм дэудауэ щытщ дэ. Мэнголхэм теухуауэ зыгуэр тIэкIу зэрыщыIахэр дощIэр, итIанэ адыгэ мамлюкхэм теухуауэ зыгуэрхэр дощIэр. Аращ псори зэрыхъур. А Генуам теухуауикIи, мыдэкIэ ОсманхэмикI зэпыщIэныгъэ хуаIахэрикI дахэ дахэу тщIэркъым.»Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм гъащIэгъуэнууэ пычыгъуэ куэд хэт пэтми ар иджырикIи дахэ дахэу псори къызэщIикъуэу джыным папщIэ тхыдэтххэм иджырикIи лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIын хуейуэ щытщ. Ар щхьэкIэ мы Iуэхум елэжь щIэныгъэлIхэм я бжыгъэрикIи къемащIэкIыуэ, абы къэралым яхухих мылъкурикIи икъукIэ мащIэу къагъэлъагъуэр мыбы елэжь щIэныгъэлIхэм.

 Адыгэ лъэпкъым тхыдэшхуэ зэриIэм щыхьэт техъуэу щытщ мы лъэпкъыр дунейм я нэхъ ныбжьышхуэ зиIэхэм ящыщуэ икIий езым и хэкурикI дунейм мыхьэнэшхуэ щызыубыду щыта щIыпIэм и дейж Кавказым и курыхым зэрыхуэзэр. Къэбэрдей-Балъкъэр. 

Хуитыныгъэ радио. Баркук ИНал.